Сочинение Бжьыхьэ на кабардинском языке. Написать 6 предложений.

fuuuuuuu1 fuuuuuuu1    2   18.10.2020 23:47    1212

Ответы
alexalevdorovic alexalevdorovic  17.11.2020 23:47

 

"Хэкум и щ1ыхьыр зы ц1ыху закъуэми къе1этыф"

Зи л1ыгъэрэ хахуагъэк1эрэ,1ущагърэ акъылк1э , ц1ыхугъэрэ нэмыск1э ди лъэпкъыр зыгъэбжьыф1эу л1эщ1ыгъуэ куэдым къак1уэц1рык1а ди лъэпкъым нобэми и мащ1экъым адыгэхэм и пщ1эр лъагэу зы1эта хэкул1хэр. «Ди лъэпкъым и л1ыхъужь» яхужып1э хъунущ апхуэдэхэм. Апхуэдэщ – Идар Темрыкъуэ. Темрыкъуэ лэжьыгъэшхуэ ищ1ащ, тхыдэми литературэми увып1э ин щеубыд. Ар къэбэрдей пщыхэм я нэхъыбэм “пщышхуэу” е “пщы нэхъыщхьэу” ябжырт. Ауэ къэбэрдеипщхэм яхэтащ ар къэзымылъытэ, абы пэщ1эувэ. Темрыкъуэ хущ1экъурт Кавказ Ищхъэрэм щы1эщ1элъ хэкум абы и купщ1эм хуэфэщэн пщ1эрэ увып1эрэ Къэбэрдей псом зэкъуэту щи1ыгьыным. Абы и хэк1ып1эт Къэбэрдейм къэралыгъуэ унафэр зы пщышхуэм щы1эщ1элъыныр. Апхуэдэ зы къэралыгъуэ лъэщ къызэгъэпэщыныр Темрыкъуэ и мурад нэхъ ин дыдэт. Ар къехъул1эн папщ1э Урысейм и политикэр къигъэсэбэпурэ, Темрыкъуэ Кавказ Ищхъэрэм лъэщ щыхъуным, урысхэм я ипщэ - къуэк1ып1э къэрал гъунапкъэхэр гъэбыдэным гулъытэ нэхъыбэ щыхуащ1ырт.Мы къэдгъэлъэгъуахэр щыхьэт тохъуэ Темрыкъуэ и пхъур урысей пащтыхьым щритым, и мурадам щыщ зы 1уэхугъуэр — Къэбэрдейм зы пщыгъуэ унафэр щыгъэувыныр быдэу игу зэрилъар. Адэк1э Къэбэрдейм щек1уэк1а 1уэхухэм къызэригъэлъагъуэмк1э, Темрыкъуэ къехъул1ащ пщы нэхъыщхьэм и унафэр нэхъри игъэбыдэныр. Урыс къэралыр зыдигъэ1эпыкъуурэ, къэбэрдей пщыжь-уэркъыжьхэм я нэхъыбэр и унафэм къригъэдэ1уащ. Къанэ щ1агъуэ щымы1эу жы1эда1уэ къищ1ащ, ик1и псоми абы и унафэр ягъэзащ1э хъуащ.

ПОКАЗАТЬ ОТВЕТЫ
Другие вопросы по теме Русский язык